19 июля, 2022 - 11:55
Урысейми Европэми къикIыурэ XVII-XIX лIэщIыгъуэхэм Адыгэ Хэкур зрагъэлъагъуну къакIуэу щыта щIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ гу лъамытэу къэнакъым адыгэ бзылъхугъэхэм я къабзагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ, шхыныгъуэ гъэхьэзырынымрэ дэн-бзэнымкIэ абыхэм яхуэдэ зэрыщымыIэм.
Абыхэм ящыщ зым адыгэ бзылъхугъэхэм я IэщIагъэм пщIэшхуэ хуищIу, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яригъэщIэн щхьэкIэ, мыпхуэдэу итхыгъат: «Адыгэ бзылъхугъэхэр адрейхэм къащхьэщокI зэрыIэкIуэлъакIуэмкIэ, IэщIагъэ дахэ зэраIэмкIэ. Абыхэм IэкIэ зэгуадар мытIэпIыжурэ, езы щыгъыныр мэлажьэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм я дыщэидэр хуабжьу быдэщ, къызэрымыкIуэу дахэщ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ абыхэм ямыгъэзащIэми, уолъагъу я IэпэIэсагъыр, сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыхуэIэрыхуэр».
Эдмонд Спенсер Инджылызым къикIыу XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Адыгэ къэралыгъуэм куэдрэ щыхьэщIа нэужь итхыжа «Путешествия в Черкесию» тхылъым адыгэ бзылъхугъэхэм ятеухуауэ мыпхуэдэу щыжеIэ: «Сэ слъагъу зэпытт гуащэм ипхъухэр и гъусэу дыщэидэ ящIу. Мы IэщIагъэ хэхам хуэфэщэн зэман трагъэкIуадэ бзылъхугъэхэм. СызихьэщIэ унагъуэм ис бзылъхугъэ псоми, пасэрей гуащэхэм ещхьу, цы, чэтэн хуэдэхэр зэIуащэрт. Адыгэ бзылъхугъэхэм я Iэдакъэ къыщIэкI хьэпшыпхэр езым я унагъуэ закъуэртэкъым щIащIыр. Абыхэм махъшэцымрэ бжэныцымрэ зэIуащэрт пIэтепхъуэ хъарзынэу, дахэ дыдэу ящI уанэгу щхьэнтэхэмрэ шы Iэпслъэпсхэмрэ, къамалъэхэмрэ сэшхуалъэхэмрэ. Шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэ гъэхьэзырынымрэ тхъу еуэнымрэ щыхуэкIуэкIэ, абдежи адыгэ бзылъхугъэхэм къалъэщIыхьэн щыIэкъым.
Илъэс минкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа хьэрып географ, зекIуэлI Абул-Хьэсэн Алий аль-Масуди Адыгэ Хэкум къыщыкIуам ди бзылъхугъэхэм я дахагъэмрэ IэкIуэлъа-кIуагъэмрэ гу лъитэри, и тхылъым иритхэгъат: «Абыхэм я бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ гъэсэныгъэ дахэ зэрахэлъымкIэ. Ахэр хуэпащ данэмрэ шылэмрэ къыхэщIыкIа, дыщэкIэ хэдыкIа щыгъын хужь дахэкIэ. Абы я хэкум дежщ «тал» зи цIэ щэкIыр щызэIуащэр. Ар «дибаки» щэкIым нэхърэ нэхъ пIащIэщ, ауэ IэджэкIэ нэхъ быдэщ».